top of page

Напэ нэхъыщхьэм гъэзэжын

 

Псалъэ зыт1ущк1э къык1элъык1уэ упщ1эхэм жэуап ефт (езы упщ1эхэр макък1э жывмы1э).
Абы къыщынэмыщ1ауэ, текстыр word форматк1э зэвгъэпэщыфынущ.


1. Гъэм и теплъэгъуэ дэтхэнэра нэхъыф1у флъагъур, ик1и сытым щхьэк1э?

2. Жьы къабзэ фыхэсу фф1эф1 зывгъэпсэхуну? Нэхъыф1 дыдэу флъагъу зыгъэпсэхуп1э хэубыдык1ахэр фи1э? Бдзэжьеящэ е щак1уэ фык1уэну фф1эф1?

3. Псом нэхъыф1у флагъур сыт хуэдэ шхыныгъуэ, псы, 1эф1ык1э? Фэ езыр фыпщэф1эну фф1эф1?

4. Техническэ зыужьыныгъэм дауэ фыхущыт? Мобильнэ телефон, компьютер, интернет къэвгъэсэбэпрэ?

 

5. Иужьрей илъэсхэм дауэ зихъуэжа фыздэпсэу къалэм (къэралым, республикэм). Фхузэф1эк1атэмэ сыт хуэдэ зэхъуэк1ыныгъэхэр хэфлъхьэнт фыздэпсэу регионым?

6. Фильм феплъыну фф1эф1 (унэм, кинотеатрым)? Иужьрейуэ сыт фызэплъар? Фигу ирихьа? Нэхъыф1у флъагъу фильм фи1э? 

7. Тхылъ феджэрэ? Сыт хуэдэ литературэ нэхъ къыхэфхыр? Иужьрейуэ фызэджа тхылъым фыкъытхутепсэлъыхь.

8. Сыт хуэдэ къэхъукъащ1эм дунейпсо тхыдэм нэхъ мыхьэнэшхуэ щиубыду къэфлъытэрэ? 

 

9. Макъамэ феда1уэрэ? Концертхэм фык1уэрэ? Сыт хуэдэ макъамэ нэхъ къыхэфхыр?

10. Спорт фф1эф1? Спортым (фыдихьэхыу щыта) фыдихьэхрэ? Сыт хуэдэ спорт л1эужьыгъуэхэр нэхъ къыхэфхрэ? 

11. Сыт хуэдэ къэрал фык1уэну нэхъ фыхует ик1и сыт щхьэк1э?

12. Фи бзэк1э нэхъ фф1эф1 жы1эгъуэ хэха фи1э? Фыкъеджи и мыхьэнэр къыдгурывгъа1уэ.

13. Ц1ыху хьэлщэным и дэтхэнэ пкъыгъуэхэр нэхъ фф1эф1, ик1и абыхэм щыщ дэтхэнэхэр зыхэфлъхьэну нэхъ къафщтэрэ?

 

14. Мы сурэтхэм дауэ фытетхыхьыфын, сыт абы щыфлъагъухэр? Сыт хуэдэ къэхъукъащ1эхэр? Хэт ахэр къызыщыщ1хэр ик1и сыт щхьэк1э? Сытым ахэм ухуашэфын? Сыт абыхэм я щхьэусыгъуэу щытыфынухэр?

bottom of page